- зыIэтын
- (зеIэт) перех. гл. 1. подняться/ ДэкIуеин (пкIэлъейкIэ, лифтымкIэ).ТеувапIэхэм теувэурэ зыIэтын.2. подняться, взойти (о луне, солнце и т. п. )/ Уэгум къиувэн, къыдэкIуэтеин (дыгъэр, мазэр, н. къ. ).3. подняться, встать с места/ Уи пIэм къитэджыкIын.Шэнтым тес лIым зиIэтащ.4. подняться, взлететь/ Дэлъэтеин.Шар яIэщIэкIам ищхьэмкIэ зеIэт. Мэшым хэса ныбгъуэм зиIэтащ. Емынэжь и шым зеIэтри уэгум йохьэ, щIым зыкъытредзэжри Емынэжьыр еущыгу. Нарт.5. переносное достичь чего-л./ ЩIэныгъэ, зыужьыныгъэ с. ху. нэхъ лъэгапIэ иным нэсын.Колхозым зиIэтын. Нартыхум зиIэтащ.6. увеличиться, повыситься, подняться/ Хэхъуэн, къыщIигъун.Лэжьыгъэм къыпыкI хъерым зиIэтащ. Температурэм зиIэтащ.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.